Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова
Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова страница 18

СКАЧАТЬ и щIыхьымрэ ихъумэным нэхъ къалэн ин дунейм щIыщимыIэр, лъахэм псэр щIитыну хьэзырщ лирикэ цIыху пажэр.

      ЗэрыжытIащи, и гупсысэхэр дапщэщи и хэкумкIэ къэгъэзауэ щытами, КIыщокъуэр и «хэку цIыкIум» – и адэжь и унэм псэкIи усэкIи «къыщетIысылIэжыпар» и ныбжьри хэкIуэтауэ узми къыхигъэзыхьу, хэку лъагъуныгъэ гуащIэ гъунапкъэншэр къыпкърыуэпарэ зыщыщIалъхьэжыну къыпэщылъ жылэжьым егъэлеяуэ къыхуэзэш щыхъуар «Щхьэлыкъуэ» усэ тхылъыр щигъэхьэзыра иужь илъэсхэрщ. ИкъукIэ гурыщIэ куу къаIуатэу, и псэм и къабзагъэр щынэрылъагъуу, и гурыгъухэри (гукъеуэхэри) щыщIэмыуфауэ адэжь лъапсэм зэрызыхуигъэза псалъэхэщ Алим и иужьрей усэхэр. А усэхэм ящыщ зым абы щыжеIэ:

      Си жьыщхьэ нобэ сыпхуэупсэм,

      Псы IэфI исфари сигу имыкI.

      Уэрэду си гум къопсэлъыкIыр,

      Къуажэжьыр – си гум къошхыдыкI.

      («Сыжейми, си нэр зэтесхами…»)

      Уэрэду и гум къипсэлъыкI, мычэму и гум къишхыдыкI къуажэжьыр – и лъапсэр ауэ сытми игъэфIэн, ар фIыщэу зэрилъагъур жиIэн къудейркъым КIыщокъуэр абы щIыхуэусэр. Пэжщ, а гупсысэр – лъапсэр, хэкур бгъэфIэну дунейм утетыху узэрикъалэныр Алим нэгъуэщI и зы усэми, абы и щхьэусыгъуэри IупщIу къыщигъэлъагъуэу, щыжеIэ:

      Дэ махуи жэщи демызэшу,

      ДыпIащIэ-тхъытхъыу къыдожыхь.

      Ди псэм нэхъ къищтэр дымыщIэжу,

      Дигу иримыхьыр хыдокухь.

      Дунейм къутэхукIэ утетыну

      Уи гугъэм, уи щхьэр къогъэпцIэж.

      ГъэлъапIэ жэщыр, махуэм хуэдэу,

      Уи хэку дахащэр гъэлъэпIэж.

      («Ди хэку аргуэру къызогъазэ…»)

      Ауэ а къалэн лъапIэм и закъуэкъым мы иужьрей усэ гупыр Алим итхын хуей щIэхъуар. «Хэкур сымыгъэлъапIэу хъунукъым» жыхуиIэ гупсысэм токIуэж «дунейр къутэжыхукIэ сыщымыпсэунукIэ, лъахэм гурыщIэу хузиIэр, къехьэкI-нехьэкI хэмылъу, къэзмыIуэтэныр ажалщ» жыхуиIэр. Ар щыболъагъу «Мывалъэ щIыпIэу дапщэ щыIэ…» усэм. Художественнэ Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къыщымыгъэсэбэпами, ауэ къызэрыгуэкIыу тхауэ къыпфIэщIми, уи гущIэр къызэригъэдзэкIыным, уи нэпсыр къыщIихуным хуэдизу куууэ, гум хыхьэу гъэпсащ усэр. Тхьэлъанэ пэлъытэщ усэр зэриух мы сатырхэр:

      Дунейм псы сефэу сытетыхукIэ,

      Уэ зыр гуфIэгъуэу узиIэнщ.

      Бзур зы уэрэдым щIапIыкIащи,

      НэгъуэщI зэхилъхьэу жимыIэн.

      Сэри сахуэдэщ къуалэбзуми,

      И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд.

      Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым

      Си хэку нур хадэм и уэрэд.

      Куэдым урагъэгупсыс усэр зэриух сатыритIым: «Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым / Си хэку нур хадэм и уэрэд» жыхуиIэм. ЩIагъыбзэшхуэ ящIэлъщ абыхэм. Лирикэ лIыхъужьыр (усакIуэр), шэч хэмылъу, щогугъ и лъахэм хуиIэ лъагъуныгъэмрэ абы хуилэжьа Iуэхушхуэхэмрэ я хьэтыркIэ лъэпкъ тхыдэм къыхэнэну, и цIэр игъащIэкIэ ящымыгъупщэну, и «хэку нур хадэм» псэуху хузэхилъхьа уэрэдыр, езыр дунейм ехыжа нэужькIи, зэпадзыжу цIыхухэм яIурылъыну. Зи лъэпкъым батэр хуэзыгъэша, итIани ищIар зыфIэмащIэ нэхъыжь Iущщ, усакIуэ щэджащэщ апхуэдэу жызыIэфынури, жызыIэну хуитри. «Си хэку, сэ фIыуэ узолъагъу», жыпIэныр тыншщ. Ар жеIэ къалэм япэу къэзыщта ныбжьыщIэми. И хэкум и гъащIэри и гуащIэри щхьэузыхь хуэзыщIа цIыхум, усакIуэм и гурыщIэ иныр къызэриIуатэр нэгъуэщIущ, КIыщокъуэ Алим хуэдэущ.

СКАЧАТЬ