Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова
Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова страница 21

СКАЧАТЬ жьэрыми зэхэзэрыхьрэ

      КъысщIихьэ закъуэм, сыкъэтэджынущ.

      Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

      УемылIэлIэххэу абдеж къэсынущ.

      «И щхьэ и унафэ ищIыжа» нэужь, усакIуэр аргуэру йогупсыс дунейм и къэкIуэнум, и лъэпкъ цIыкIум и Iуэхур зэрыхъунум. Дауэ щымытами, сыт щыгъуи фIым еджэн, пэплъэн зэрыхуейр мы псалъэхэм къаIуатэ:

      А пIалъэм си бзэу сызэрыпсалъэр

      Лъапэ зэвыпIэ иувэпэнкъым.

      Си лъэрыгъыпсыр зыубыдахэм

      Ящыщым я лъэр ягъэбыдэнущ.

      Уэрэд къыхадзэм, зэрыгъэгушхуэу,

      СхужымыIари къыпащэфынущ.

      Бзэм папщIэ иIэ гурыгъузыр мыбдежи къыщыфIыдоуей усакIуэм. НэгъуэщI гурыгъузи абы щIыгъущ: щIалэгъуалэр нобэ мэкIуэд щхьэусыгъуэ IэджэкIэ, ар, ухуеймэ, лъэпкъыр зытхьэлэ фадэм телъхьэ, щхьэрыуауэ кIуэд ди щIалэгъуалэрауи, машинэ зэжьэхэуэуи щIы, сомыр зэпаубыду Iэщэ къащтэу зым адрейр зэриукIыжырауи жыIэ. «Дунейр абдежи яфIэщIэщыгъуэу игъуэ нэмысу Iэджи кIуэдынущ», – сатырхэм къаIуатэ зи гугъу тщIыр. Усэр зэриухыжыр авторым ар къызэрыщIидза гупсысэрщ – Си илъэсищэр ягъэлъэпIэнущ, адэкIэ апхуэдэу, лъэпкъыр узыншэмэ, екIуэкIынущ, жыхуиIэрщ.

      Си илъэсищэр пхуэмыгъэныщкIуу,

      ЗыгъэныщкIуами хуемыгъэхыфу,

      Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

      УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ,

      – мыхэрщ усэм и яужь сатырхэр.

      Литературэм и адрей пкъыгъуэхэм (эпос, драмэ) къагуэкIыу лирикэм и дэтхэнэ тхыгъэ щхьэхуэми Iэмал къуитыркъым конфликтым и щытыкIэ, абы пыщIа нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэдыр бгъэтэмэмыну, ар щызэпкъырыпхкIэ. Конфликт (дунеймрэ сэрэ ди зэхущытыкIэр, ди зэхущытыкIэнур сыт хуэдэ, дауэ дызэгурыIуа хъуну? – жыхуиIэрщ) мы усэм лъабжьэ хуэхъуар. УсакIуэм и гумрэ и псэмрэ я шыбзэм щIэкIа лирикэ усэ купщIафIэу къыдолъытэ «Си илъэсищэр».

                СИ ИЛЪЭСИЩЭ

      Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр —

      А гъэр мыгувэу езыр къэсынущ.

      Бжьыпэр зыIыгъым къыIэщIихынурэ,

      Зыри зимыIэм къылъигъэсынущ.

      «Нобэ щэ хъунут», – сэр папщIэ жаIэу,

      Iэнэ тIысыни хэкум исынущ.

      Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

      УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

      Къуалэбзу цIыкIухэм, хъуми нэхъ мащIэ,

      Абгъуэ ди жыгхэм къыпащIыхьынущ.

      IукIэ шхын къахьу шырхэр ягъашхэу

      Си уэрэд Iыхьи бзухэм къахьынущ.

      Я ней къыстехуэм сагъэгумэщIу

      Си ужь итари къэсэхыжынущ.

      Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

      УемылIэлIэххэу езыр къэсынущ.

      Гъэмахуэ шылэу, дуней дахэгъуэу,

      Узэгугъуахэм уагъэгуфIэжу,

      Жыг хадэм уисмэ, псэм зигъэпсэхуу

      А махуэм тохуэ сыкъыщалъхуари —

      Уафэри гъуагъуэу уэшхри къежэхмэ,

      Псы къэмыжари диным икIынущ.

      Илъэс минитIрэ илъэс пщыкIуплIыр

      УемылIэлIэххэу абдеж къэсынущ.

      Иреуэлбанэ е иребзыгъэ,

      А махуэм СКАЧАТЬ