Название: Публицистика. Сборник статей и публикаций автора
Автор: Зера Бакова
Издательство: Издательские решения
Жанр: Публицистика: прочее
isbn: 9785005305688
isbn:
Ящыщ зыщ иджы
КъиIуэтэнур си уэрэдым, —
Стхар си макъкIэ вджы…
….
Оклахомэ гъэ тIощIанэм
Къыщалъхуат щIалитI,
Зэхэгъэж зыщI лъахэ-анэм
Къаритау гъуэгуитI…
«ДжонитI» поэмэр гъэщIэгъуэну иджыпсту цIыкIухэм пхуетынущ, узытепсэлъыхьыни куэду бгъуэтынущ. Псалъэм папщIэ, иджыблагъэ Миннеаполисым (Миннесота штатым) афроамерикан Джордж Флойд полицайм зэриукIа щIыкIэм, абы кърикIуам теухуауэ жыпIэн щыIэщ. УвыIэгъуэ имыIэу апхуэдэ куэд къыщохъу Штат Зэгуэтхэми, нэгъуэщI щIыпIэхэми.
«Япэм нэхърэ нэхъыкIэжуэ
ЗэIыхьащ дунейр», – жеIэ усакIуэм.
Ноби аращ. КIуащым и усэхэм, зэманым декIужкъым жыпIэу, хэбдзынышхуэ хэткъым – абыхэм екIуу цIыкIухэм уакъыхуеджэн, яхузэпкъырыпхын хуейуэ аркъудейщ. Ар зи къалэныр егъэджакIуэхэращ, дауикI, ауэ Iуэхур здэщыIэр ахэр тэмэму ди еджапIэ учебникхэм зэримытращ.
Сытми:
США-м и кIуэцIкIэ мы лъэхъэнэм
Хуэдэ митинг куэд
Хъуащ щекIуэкI, дэтхэнэм
ХуэпщIыфын щхьэкIуэд?
Поэмэр дунейм къыщытехьар 1948 гъэращ. Критик Къармокъуэ Хьэмид зэритхымкIэ:
«ДжонитI» поэмэращ БетIал художественнэ талант ин дыдэ зэрыбгъэдэлъым япэ щыхьэт техъуар. Поэмэм зы псалъи зы сатыри хэбгъуэтэнукъым я пIэ имытIысхьауэ Абдеж белджылы хъуауэ щытащ БетIал и усэр адыгэ поэзием и лъагапIэхэм зэрихутар. И гъэпсыкIэкIэ, и бзэкIэ, и фащэкIэ «ДжонитIым» пэхъун усыгъэ щыгъуэтыгъуейщ адыгэ поэзием, абы и лъэныкъуэкIэ ар щапхъэщ нобэр къыздэсым».
Апхуэдэ пщIэ ин хуищIащ поэмэм адыгэ критик нэхъ лъэщ дыдэм. Ар иджы егъэджакIуэм къилъагъуфын хуейщ – аращ Iуэхур здэщыIэр. Iэмал имыIэу егъэджакIуэхэм яIэщIэлъын, я Iэнэм телъын хуейщ критик Къармокъуэ Хьэмид и лэжьыгъэу
«УсакIуэм и гуащIэ» жыхуиIэр (КIуащ БетIал. Усыгъэхэр. Налшык. Эльбрус. 1996. Н. 279—296). УсакIуэм и биографиери адыгэбзэ екIукIэ къиIуэтэжри и усыгъэхэри зэпкърихащ. Мыбы нэхърэ нэхъыфIу ар зыхуэщIэн иджыпстукIэ диIэкъым. Критикыр БетIал и творчествэм зэрытетхыхьар, и усыгъэр зэрызэпкърихар ирикъунущ ди еджапIэ учебникхэм ар тэмэму ибгъэувэмэ, – класс – классу зэпыудауэ, щхьэж и ныбжьым елъытауэ къыхэхауэ. Абы нэхъыби ухуейкъым, нэхъыфIыуи зыми а Iуэхур ищIэфынукъым.
И ГЪАЩIЭР, И КЪЕКIУЭКIЫКIАР
КIуащ БетIал 1920 гъэм щэкIуэгъуэм и 22-м Дохъущыкъуей (Старэ Шэрэдж) къыщалъхуащ. Къуажэ еджапIэм илъэситхукIэ щеджа нэужь, БетIал Псыхуабэ дэта педфакым щIэтIысхьащ. Ар 1936 гъэм къиухри, Къэбэрдей – Балъкъэр пединститутым 1940 гъэ пщIондэ щеджащ. Бзэмрэ литературэмрэкIэ ищхьэ щIэныгъэ зригъэгъуэтауэ, а гъэ дыдэм Приморскэ крайм и Совгавань щIыналъэм хыхьэ Нельманскэ е 2-нэ курыт еджапIэм кIуэри, абы и унафэщIу икIи урысыбзэмкIэ и егъэджакIуэу щылэжьащ. ЕджапIэм зы илъэскIэ щылэжьауэ дзэм хыхьэри, 1942 гъэ пщIондэ Тихоокеанскэ флотым къулыкъу щищIащ. А илъэс дыдэм, БетIал лъаIуэри, зауэм кIуащ икIи Хэку зауэшхуэр СКАЧАТЬ