Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова
Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова страница 19

СКАЧАТЬ щигъэкIуари. Дауи ирехъуи, жи, абы: «Пэслъыт уэ уи цIэм щремыIэ, уи дежщ сэ си лъэр щыувар».

      ИгъащIэм поэзием, псом хуэмыдэу лирикэм, и къалэн нэхъыщхьэу къалъытэ зы цIыхум и гупсысэхэмрэ и гурыщIэхэмрэ зэгъэуIуа ищIу ар тхылъеджэм зэхегъэщIэныр, абыкIи эстетикэ арэзыныгъэу зыхуейр а тхылъеджэм егъэгъуэтыныр. Зы цIыхуи щыIэкъым, ар иремэкъумэшыщIэ, ирекосмонавт, зи хэкур, къыщалъхуа щIыналъэр фIыуэ зымылъагъу, ар зи гум къимышхыдыкI. КIыщокъуэ Алим и усэхэм яхузэфIокI зым и гурылъыр щэм, миным ей ящIын, «мырати сэри си лъахэм хужысIэну сызыхуеяр, сыту дахэу си гум къипсэлъыкIа» куэдым жаригъэIэн. Лъахэм хужыпIэ хъуну зыри къимыгъанэуэ къыпщохъу усакIуэшхуэм. «Щхьэлыкъуэ» тхылъым ит усэхэр адэжь щIыналъэм щхьэкIэ абы и бын пэжым къыжиIэ «духьэщ», жыпIэми ущыуэнкъым.

      Сыту пIэрэ КIыщокъуэм хэкум, бзэм, ажалыншагъэм теухуауэ япэм итха усэхэри «Щхьэлыкъуэм» щIыхигъэхьэжар? Тхылъыр нэхъ Iув ищIыну арат хьэмэрэ?.. Шэч хэлъкъым, усакIуэм и иужьрей сборникыр щызэхилъхьэм, ар куэдрэ гупсысащ. Абы зы ищIащ ящIэлъ гупсысэхэмкIэ зэпэгъунэгъу, зэпэджэж тхыгъэхэр – тхылъым къыщызэщIикъуэжащ лъахэр зыхуэдэри, гурыщIэ IэфIу абы хуиIэри, абы хуищIэфауэ къилъытэри, и IуэхущIафэхэр, и цIэр зэрымыкIуэдыжынури къызыхэщ усэхэр.

      Дэтхэнэ зы лирик нэсми хуэдэу, КIыщокъуэм и гъащIэми, и творчествэми зэгуэхыпIэ яIэкъым. Абы къикIуа гъащIэ гъуэгуанэ мытыншыр IупщIу уи нэгу къыщIыбогъэувэф, и IэдакъэщIэкIхэм укъеджа нэужь. Ар зэи тетхыхьакъым (пэсэрей зэманым екIуэкIа гуэрхэм я гугъу и прозэм щыщищIым нэмыщI) и нэкIэ имылъэгъуа, и псэкIэ зыхимыщIа, зымыгъэгупсыса, зымыгъэнэщхъея, зымыгъэгуфIа Iуэху. КIыщокъуэм и гупсысэр инщ, езым и гъащIэм ущхьэдигъэплъыхрэ дуней псом зыщыуигъэплъыхьу, уигу ирихьынуи, иримыхьынуи плъагъур зэрыуигъэгъэзахуэрэ, захуагъэр, дахагъэр абы зэрыщытепщэр хьэкъ къыпщищIу. НэгъуэщIу жыпIэмэ, КIыщокъуэм нахуэу къиIуатэ и гурыгъу-гурыщIэ псори апхуэдизкIэ мыхьэнэ зиIэхэщи, гъащIэм щекIуэкI Iуэхугъуэшхуэхэм япыщIащи, куэдым ейм ахэр поджэж. Абы къыхэкIкIи и псалъэр бэм я гумм дохьэ. Апхуэдэ къару зиIэ лирикэрщ лирикэ нэсыр, апхуэдэ Iэзагъэ зыбгъэдэлъ усакIуэрщ усакIуэшхуэр.

      Хэкум щхьэкIэ ятхауэ дунейпсо поэзием хэт усэ нэхъыфI дыдэхэм ящыщу плъытэ хъунущ КIыщокъуэ Алим и «Зеич лантIэр». Ар зи гум дэмыхьэ адыгэ щыIэу къыщIэкIынкъым. Усэр тэмэму зэпкърыхауэ ди пащхьэ зы критикми кърилъхьакъым. «Адыгэ литературэр зэраджын тхылъ» жиIэу 10-нэ классым папщIэ къыдэкIам итщ усэр зэрыщыту. Ауэ абы тхылъыр зэхэзылъхьам хужиIэр псалъэ зыбжанэщ: «Хэкум теухуа гурыщIэ къабзэхэр къыщыIуэта усэ нэхъыфIхэм ящыщщ… УсакIуэм и Адэ щIыналъэр Iуэхугъуэ зыбжанэм ирегъэщхь, и щхьэр абы лъахъшэу хуегъэщхъ, и псэри и гъащIэри щхьэузыхь хуищIыну хьэзырщ…».

      УсакIуэшхуэм, зыкIи къэмыланджэу, къеIуатэ и лъахэм хуиIэ гурыщIэ къабзэр. «Зеич лантIэу гъэшыгъуафIэ» щIыжиIэри ещIэж. ДэнэкIэ «уаIуантIэми» хъууэ, уи щIым урахуми хъууэ (ИстамбылакIуэм щыгъуэ) щхьэ ущыт си хэку, жи. Щхьэ сэри пцIыупсхэр къыстебгъэгуплIэрэ, жи. Ауэ щыхъукIи, сэ уэр папщIэ сымыщIэн щыIэ, жи. Апхуэдэущ дэ къызэрыдгурыIуэр «зеич лантIэ гъэшыгъуафIэ» сатырыр, езы усэр.

      Лирикэ лIыхъужьым, и уасэр ищIэжми, тхьэусыхэ щIыкIэу, а усэм щыжеIэ:

      Къурш псы уэру сыкъехуэхми,

      Си адыгэ хэку,

      Пшахъуэ налъи пщыщ исхакъым,

      Си СКАЧАТЬ