Название: Публицистика. Сборник статей и публикаций автора
Автор: Зера Бакова
Издательство: Издательские решения
Жанр: Публицистика: прочее
isbn: 9785005305688
isbn:
ЛIащ, дыхуэарэзыщ», —
СхужыпIэнырщ, си лъэпкъ мащIэ:
Ар си лIэн тIэунейщ.
Уэ умыщI Iумпэм си гуащIэр,
Сэ уэ сырыуейщ.
(КIуащ БетIал)
Мы усэ сатырхэр усакIуэ телъыджэ КIуащ БетIал и къалэмыпэм къыщIэкIат дунейм ехыжыным ипэIуэкIэ.
«ЦIыху псоми хэхауэ махуэу тIу яIэщ, дунейм къыщытехьэмрэ щехыжымрэ. БетIал иIэр зыщ – къыщалъхуаращ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы и фэгъу усакIуэ нэсхэр уахътыншэщ», —
жиIэгъат КIыщокъуэ Алим, КIуащ БетIал и щыгъуэ пэкIур къыщызэIуихым.
БетIал зыми ещхьтэкъым. Ар нарт лIыхъужьт. Нарт хъыбархэм сыкъыщеджэкIэ, БетIал абыхэм яхызолъагъуэ. УсакIуэр фIыуэ зыцIыхуахэм ятхыжа гукъэкIыжхэм уахэплъэмэ, мы щIалэр дауэ хъуами зы нарт щылъхущ жыуегъэIэ – и псэукIари абыхэм ящхьщ, и дунейр гуузу зэрихъуэжа щIыкIэри аращ. Нобэр къыздэсым щхьэихауэ жаIэкъым накъыгъэм (майм) и 1-м къэхъуа дыдэр – нартхэм я щыщ зы лIыхъужь кIуэдыкIэу кIуэдыжащ.
КIуащ БетIал литературэм кIыхьу хэтакъым – илъэси 10 къудейщ къэбгъэлъэгъуэфынур. Ауэ, а илъэсипщIыр илъэс куэд и уасэт – БетIал цIыхухэм я гум фIыкIэ къинащ, абы теухуауэ гукъэкIыж гъэщIэгъуэнхэри мащIэкъым, зауэлI нэсу щытащ, къэхутакIуэуи лэжьащ, икIи зэдзэкIакIуэт, уэрэдхэми хэIэбат. Мис ахэр зы тхылъым иту адыгэбзэмрэ литературэмкIэ егъэджакIуэм IэщIэплъхьэну уасэ иIэтэкъым. ИтIанэ ухуитт, усакIуэ КIуащ БетIал адыгэ щIэблэм щIамыцIыхур сыт жыпIэну.
Алийрэ Алимрэ адыгэбзэм и алыфбеймэ, абыхэм къакIэлъыкIуэр БетIалщ. Мыхэращ адыгэ литературэм, анэдэлъхубзэм лъабжьэрэ блынрэ хуэхъуар. Ауэ литературэ Iуэху къудейкъым мы усакIуи 3-р апхуэдизу ин зыщIар, атIэ езыхэм я лIыхъужьагъэращ – къикIуэт ямыIэу зауэм зэрыIутахэм ещхьу литературэми лIыгъэ щызэрахьащ, дунейми цIыхуфIу тетащ. Аращ мыхэр гукъинэж тщызыщIыр.
«УцIыкIуу уи гум ибубыдэр, Дунейр бухыхукIэ имыхун», – жиIэгъат Алим. Си ныбжьым куэд яхэтакъым КIуащ БетIал и усэ тхыгъэхэу «Къэбэрдей», «Си Хэку», «Зэманыр IуэхукIэ зыгъэнщIыфыр», «Индыл», «Сызыщышынэр зыщ», «Уэр мыхъуам сыбгъэ дамэншэт», «ДжонитI» поэмэр гукIэ зымыщIа е фIыуэ щымыгъуазэ. Мы усэ тхыгъэхэр литературэмкIэ ди еджапIэ программэм хэтт, еджакIуэхэм я анэдэлъхубзэ тхылъхэм итт.
КIуащ БетIал, Алий сымэ фIыуэ сэзыгъэлъэгъуар адыгэбзэмкIэ си егъэджакIуэ, ди еджапIэм и унафэщIу илъэс куэдкIэ лэжьа Абазэ Бетэт. Абы и лэжьыгъэм фIыуэ хищIыкI къудейтэкъым, ар икIи гъэсакIуэт, еджапIэри фIыуэ зэрихьэт. Апхуэдэу, КIуащ БетIал усакIуэм ди егъэджакIуэр дахащэу къытхутепсэлъыхьат. Иджыпсту и дерсым сыщIэс хуэдэу соцIыхуж къыджиIахэр. Абы щыщу мыри:
«Майм и 1-м Налшык дыдэту, цIыху куэд зэхэту дахуэзати, дащыбгъэдыхьэм БетIал зэрыщымыIэжыр къыджаIат…».
ИпэкIэ къэсхьа усэхэр тщымыгъупщэжу къытхэзылъхьар ди егъэджакIуэращ. Усэхэр зэпкърихт, ар зытепсэлъыхьыр уи нэгум сурэту къыщIигъэувэу; усакIуэ, тхакIуэ куэд ищхьэкIэ ицIыхути, абыхэм екIуу къытепсэлъыхьт. Адыгэ литературэр фIыуэ дэзыгъэлъэгъуар а нэхъыжьыфIращ. И ахърэтыр нэху Тхьэм ищI!
СКАЧАТЬ