Название: Публицистика. Сборник статей и публикаций автора
Автор: Зера Бакова
Издательство: Издательские решения
Жанр: Публицистика: прочее
isbn: 9785005305688
isbn:
Еджэныр абыхэм гугъу дыдэ къащыхъунут, ди алыфбейр язгъэщIэну абыкIэ къыщIэздзэмэ, адыгэ куэди дерсым къекIуэлIэжынтэкъым – ахэр а Iуэхум хуэмурэт зэрепшэлIэн хуейр. Адыгэ лъэпкъым къикIуа гъуэгуанэм – и хабзэм, и бзэм, и дуней тетыкIэм, Урыс-Кавказ зауэм кърикIуам, абы фIэкIуэдам, адыгэхэр Тыркум къызэрыщыхутам, нобэрей адыгэм и псэукIэм – Урысей къэралыгъуэм ди лъэпкъым щиубыд увыпIэм – нэгъуэщI куэдми и гугъу яхуэсщIыурэ, хуэм-хуэмурэ, дызэрылажьэрэ тхьэмахуитI нэхъыби дэкIауэ, литературэм – псом хуэмыдэу ди усэхэм – сакъыхуеджэу щIэздзащ; псалъэхэр яхузэпкъырысхыу, зы сатыр е сатыриплI къэс сыкъэувыIэурэ къикIыр къагурызгъаIуэу, сытми, тIэкIу адыгэбзэусэбзэм дезгъэхьэхащ. Усэхэр, езыхэм я ныбжьым яфIэгъэщIэгъуэн хъун защIэу къыхэсхти, я гум илъу яхужымыIэхэр усэбзэ къабзэкIэ – анэдэлъхубзэкIэ – щызэхахкIэ ахэр насыпыфIэ дыдэхэт – мыпхуэдиз усакIуэ адыгэм иIэныр щыгъэтауэ, усэ ятхыху тщIакъым жаIэт. Мис иджы Алий къагурыIуэну хьэзыр хъуагъэнщ щыжысIэм – усакIуэр къахузэIусхат. Алийрэ Истамбылымрэ зэрызэпхар къыхэзгъэщын хуейти, кIэщI дыдэу и биографием щыщ гуэрхэм – ахэр нэхъ зыхуеину къэслъытэм – сыкъытеувыIат, къинэмыщIуи, Алий и усэхэр зыщIэлъ уэрэдхэр здэсхьат абыхэми, езгъэдэIуащ. Уэрэдхэрат абыхэм нэхъ псынщIэу япхъуатэр, – IэфIу я псэм дыхьати, ди адэ-анэр, ди нэхъыжьхэр едгъэдэIуэнущ жаIэурэ тратхэт. Алий яхэтат Дым Iэдэм и мыдрисэм япэ дыдэ щIэтIысхьахэм. Нэхъ гурыIуэгъуэ хъун папщIэ: Дым Iэдэм узэщIакIуэт, ар тхакIуэт, усакIуэт, зэдзэкIакIуэт, журналистт. Къыщалъхуар Бахъсэнщ. Урыс еджапIи мыдрисэи къиухат. Къаир дэт Аль-Азхар университетми щеджащ. А зэманым Къэбэрдейм нэхъ щIэныгъэшхуэ зиIэу исахэм яхуэдэщ. Дымым 1912 гъэм адыгэбзэ мыдрисэ къызэIуихат. Iэдэм Къаир щыкIуэм, Алий 1914 гъэм, Гугухэ я мыдрисэ-хьэлийм кIуэжат, ЦIагъуэ Нурийрэ Алийрэ еджапIэм къыщыщIахужым, Нурий къызэIуиха «ЦIагъуэм и университет» жыхуаIэу щытам щIэтIысхьат. Нурий и фIыгъэкIи, егъэджакIуэ IэщIагъэм зыхуигъэсэну Алий макIуэ Темирхъаншурэ (иджыпсту Буйнакск жыхуаIэм), абы йокIри Бахъшисарай (Кърымым) макIуэ. ИужькIэщ и щIэныгъэм хигъэхъуэну ар Истамбыл щынэсар.
Алий усэныр Истамбылщ къыщищтар. И усэ лъэщ дыдэхэр – «Тырку хадэм», «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр», «Нанэ» жыхуиIэхэр здызэхилъхьар Истамбылщ. Бахъсэн куейм къыщалъхуа къэбэрдей усакIуэшхуэм, къэбэрдей литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъам, усэныр Истамбылт къыщищтар. Ар къэзгъэнэIуа иужькIэ, сыт абы къыпыcщэжми, абыхэм я дежкIэ гъэщIэгъуэн дыдэт – усакIуэшхуэр, къызэрыщIэкIамкIэ, езыхэм ящыщт, я шынэхъыжьт, Босфор псы Iуфэм Iутат. Алий и биографием псалъэхэзышэ кIыхь щIыхуэсщIар а усищым нэхъ гъунэгъуу сыбгъэдыхьэнрат. «Жынгызмэ и нып фIыцIэжьыр» усэм – а сатыриплIым – университетым сыхьэт бжыгъэ щыхухэсхт. Сыхьэт бжыгъэкIэ узытепсэлъыхьынт Чингизхъан (Жынгызмэ жыхуиIэм), Темыр щIакъуэ сымэ Кавказыр илъэс СКАЧАТЬ