Публицистика. Сборник статей и публикаций автора. Зера Бакова
Чтение книги онлайн.

Читать онлайн книгу Публицистика. Сборник статей и публикаций автора - Зера Бакова страница 12

СКАЧАТЬ ныщеупсых!»…

      ТхьэIухуду мы ди шыпхъу дахэхэм

      Хамэлъыр щащIэлъэдакIэ,

      ИкIэ дыдэу мы тураныжьхэм

      Адыгащхьэр щыхуагъэлъахъшэкIэ —

      Кавказым я щIалэгъуалэу

      Лей гъэгъун зи адэжь имыдэхэм

      ЯмыдэнкIэ си гур мэгугъэри

      Сыхуогубжь Жанпагуэ дахэм.

      (1917 гъ.)

      «Мы нобэ зи гугъу пщIыр зы усакIуэ гъэщIэгъуэн гуэру къэнэжкъым, атIэ ДыкъэзыгъэщIам зыдигъэцIыхужыну къыдитауэ арагъэнщ», – жызыIаи абыхэм яхэтащ. А псом иужькIэщ «Нанэ» усэм сыкъыщеджар. А усэр абыхэм къазэрыщыхъунур, зэрызыхащIэнур сщIэти, арат апхуэдэу гъуэгу нэхъ кIыхьымкIэ сыкъыщIекIуэкIыр. Зэ сыкъеджащ, сыкъызэреджэ хабзэм тету, псалъэ псоми къикIыр щумыщIэм и деж, усэм къыщыIэтам и сурэтыр уи нэгум пэжу къыпхущIэгъыхьэкъым сыкъызэтеувыIэурэ псалъэхэм къикIыр къагурызгъаIуэт. Мы къалэр абыхэм ямыхамэми, усэр нэхъ зыхащIэн щхьэкIэ и сурэтыжьхэр язгъэлъагъуурэ сыкъеджэт:

      …Щыхьэрщ – и лъабжьэр тенджызу,

      Гызыжу кхъухьхэр къепщылIэу,

      Хьэпшыпхэр плIэкIэ кърахыу,

      Ферс фIейкIэ напэр щалъэщIыу…

      Мы теплъэгъуэр махуэ къэс абыхэм я нэгум щIэкI пэтми, мыпхуэдэу Истамбылыжьым и образыр адыгэбзэкIэ екIу дыдэу къэIуэтауэ япэу зэхахыу арат – Истамбылыжьым и тхыдэ хъуат тхыгъэр. УсакIуэм ар зытриусыхьар тIэкIу къагурыIуэу хъуащ иджы щыжысIэм, зэпызмыгъэууэ, усэм иджыри зэ сакъыхуеджащ. Си нэгум щIэкIыжкъым Алий и «Нанэ» усэм абыхэм къарищIауэ щытар: щысхэр къэтэджат. КъагурыIуэу хъуащ адэкIэ я псэукIэр нэгъуэщIу зэрыщытынур. Адыгэр езыхэр зыхэс тыркухэм зэрамыщхьыр сытым дежи ящIэжу къагъэтэджами, иджы псэкIэ зыхащIат адэкIэ я Iуэхур нэхъ гугъу зэрыхъунур, мыбыхэм тыншу зэрахэмызэгъэжынури хьэкът. Абыхэм иджы къагурыIуат, зы лъэбакъуэ нэхъ мыхъуми, ХэкумкIэ зэрачын хуейр. Псоми зы хъыбар гуауэ гуэр ягу къэкIыжат – ар нэхъыжьхэм къыжраIэжами е езыхэм къащыщIауэ арами – псоми зыгуэр жаIэжт. Сэ а махуэм къалэн зыхуэзгъэувыжар згъэзэщIати, адэкIэ сыт жаIэнуми хуитт. Ахэр а щытыкIэм нэзгъэсын хуейуэ арати, Iуэхур хъуат. Усэр я тырку-латин алыфбеймкIэ ятхри, дызэбгырыкIыжащ.

      Сэ сщIэт ахэр а жэщым зэрымыжеинур. ЕтIуанэ махуэм хасэм куэдкIэ нэхъыбэу адыгэ къекIуэлIат – ахэр Алий къыкIэлъыкIуат: къыщыщIыхьэкIэ, «мыбы хьэлэмэт гуэрхэр щокIуэкIри, дыхокIыж» жаIэт. «Алий мы усэр щитха щIыпIэм – Босфор дэжыпIэм деж – мывэ дгъэтIылъынущ, Тыркум щитха тхыгъэхэр къыдэдгъэкIынущ, ауэ ахэр дяпэкIэщ, иджы зэкIэ Алий шхын къыхуэтIэтынщ», – жаIэри, Босфор псыIуфэм Iут зы шхапIэ дыкIуауэ щытащ.

      НэгъуэщI Iуэху дахэхэри диIащ Тыркум сыщыIэхукIэ, ауэ адэкIэ сыт тщIами икум итар Алийщ. Еджэгъуэ зэманыр и кIэм нэсу щыхуежьаращ, езыхэр къэлъэIуа нэужьщ, ди алыфбейр щастари, тхэн щыщIэддзари…

      ИужькIи куэдрэ сыкIуащ, езгъэджахэщ – зэпыщIэныгъэ диIэщ. ЗэрыжаIам хуэдэуи, – а гъэ дыдэм ахэр Хэкужьым къакIуэу щIадзащ, къэкIуэжыпэу, унагъуэ мыбы щыхъужаи щыIэщ, хэкум щхьэгъусэ изышаи яхэтщ – ТыркумкIэ щыпсэуми, адыгэ дыдэу мэпсэу. Апхуэдэу дызэкIэлъыкIуэурэ, ЩоджэнцIыкIу Алий илъэси-115 щрикъум ирихьэлIэу къэрал проект хьэлэмэт «Нанэ» жиIэу ТыркумкIэ къызэрагъэпэщри, студентхэр си гъусэу срагъэблэгъащ. Езгъаджэу СКАЧАТЬ